2022 гъэм «Къалэ псэукIэр къызэгъэпэщын» федеральнэ программэкIэ КъЧР-м щызэрагъэзэхуэжынущ пщIантIэ 50-рэ жылагъуэ щIыпIэ 13-рэ.
Мы зэманым, лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIынум хуэдэу щIыпIэхэр ягъэхьэзыр, жьы хъуа ухуэныгъэхэр якъутэри Iуахыж.
Апхуэдэу, зэпэщ ящIыжыну жылагъуэ утыкухэм ящыщщ Черкесск къалэм Ленин и цIэр зезыхьэ уэрамым тет скверыр, абы къыкIэлъыкIуэнущ парк нэхъыщхьэр.
Къалащхьэм лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIмэ, Карачаевск и Мира, Усть-Жэгуэтэ и Балахоновэ уэрамхэм тет аллеехэр, Старэ Жэгуэтэ къуажэм дэт мэжджытым и Iэгъуэблагъэм ит паркыр, Тэрэзы жылагъуэм дэт скверыр, Сторжевой, Преграднэ станицэхэм я парк нэхъыщхьэхэр, Адыл-Хьэлъкъ къуажэм и зыгъэпсэхупIэ паркыр, Каменномост къуажэмрэ Знаменкэ жылагъуэмрэ я скверхэр, ВакIуэ-Жылэ къажэм дэт ЩIыхьым и Аллее фэеплъ сыным и гъунэгъу паркыр, Зеикъуэ къуажэм и паркыр зэIузэпэщ ящIыжынущ.
ЦIыхухэр куэду здекIуалIэ щIыпIэхэр зэрагъэзэхуэжкIэрэ, сабий джэгупIэхэр, спорт зыпсыхьыпIэхэр къызэIуахынущи, лъэсырызекIуэхэм папщIэ гъуэгухэми плиткэрэ асфальтрэ тралъхьэнущ, пкъохэм уэздыгъэхэр фIалъхьэнущ, тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIий идзапIэхэр ягъэувынущ, а псори ягъэдэхэнущ архитектурэ щIыкIэу гъэпса хьэпшыпхэмкIэ.