Зыужьыныгъэр я гъуазэу

Ди газетым хъыбар зэрытетауэ, мы махуэхэм УФ-м и Къэрал Думэм зэІущІэшхуэ щекІуэкІащ. Ар теухуауэ щытащ илъэс къэси Правительствэм къищІ Къэпщытэжыныгъэм. Къэпсэлъэныгъэ нэхъыщхьэр къэзыщІар УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэ Мишустин Михаилщ. Фи пащхьэ идолъхьэ УФ-м и премьер-министрым гулъытэ нэхъ зыхуищIа лъэныкъуэхэр.

 

Экономикэм.

Экономикэм хэлъхьэныгъэ нэхъыщхьэ хуэзыщІар промышленностымрэ сатумрэщ. Машинэухуэныгъэ къудамэм проценти 10-кІэ зиужьащ. Апщыгъуэми, машинэ хьэлъэу къыщІигъэкІыр нэхъыбэ хъуащ.

2021 гъэм и фокІадэм (сентябрым) ехъулІэу лэжьапІэншагъэр ягъэмэщІащ икІи ар проценти 4,3-уэ къалъытащ.

Коронавирус пандемиер зэрыщыІа илъэситІым, урысей экономикэр адрей хамэ къэралхэм яйм елъытауэ тхуанэкІэ нэхъ лъагэщ.

«А псоми къапэкІуэу зэманым декІу экономикэ лъэрыхьым и лъабжьэр дгъэтІылъащ», — жиІащ Мишустин Михаил.

Медицинэм.

2021 гъэм медицинэ къудамэм зыужьыныгъэфІ ирагъэгъуэтащ. Апхуэдэу, поликлиникэ 1000-м щІигъу зэрагъэзэхуэжащ. Медоборудованэ зэмылІэужьыгъуэу мин 37-рэ, машинэ мини 5,5-рэ къащэхуащ. Хэгъуэгухэм «дэІэпыкъуэгъу псынщІэ» машинэ 1600-рэ иратащ. ФАП мини 3-м нэс яухуащ, зэрагъэзэхуэжащ. Къуажэдэс, жылагъуэдэс мелуани 8-м ятегъэпсыхьа амбулаторэхэр, поликлиникэхэр зэрагъэзэхуэжащ, щІэуэ яухуащ. ЦІыху мелуан 50-м диспансеризацэ, профилактикэ медицинэ хуэІухуэщІэхэр зыпэщІагъэкІащ.

Маркировкэ системэмкІэ хущхъуэ уасэхэм нэІэ зэрытрагъэтри жиІащ Правительствэм и тхьэмадэм. ХуэгъэкІуэтэныгъэ кІуэрабгъухэмкІэ хущхъуэхэр зрагъэгъуэт цІыхухэм дяпэкІи тыншу яІэрыхьэнущ. Ди къэралым и фармІуэхущІапІэхэм хуэгъэкІуэтэныгъэ кредитхэр иратынущ. Хамэ къэрал хущхъуэхэр ди къэралым кърашэныр, лицензэ ятыныр нэхъ псынщІагъуэ ящІащ.

Социальнэ къудамэм.

2021 гъэм фокІадэ мазэм пенсионер мелуан 43-м щІыгъужыныгъэ ахъшэ сом мини 10 зырыз иратащ. Сабий зиІэ унагъуэхэм я бынхэр еджэгъуэ илъэсым хуагъэхьэзырыжынымкІэ дэІэпыкъуныгъэу сом мини 10 зырыз сабий къэс иратащ. Гъэмахуэ зыгъэпсэхупІэ лагерхэм зыщызыгъэпсэхуа сабийхэм я путевкэхэм техуа уасэм щыщ Іыхьэ анэ-адэхэм хурагъэгъэзэжащ. 2022 гъэми а программэм пащэнущ.

2021 гъэм анэ гъэтІылъыгъэр унагъуэ мелуаным къыщІахащ. Пособэ щхьэхуэхэр тынри щагъэтакъым. Илъэсийм нэс зи ныбжь сабийм щхьэкІэ больничнэ щысам ират ахъшэми зэхъуэкІыныгъэ халъхьащ. Правительствэм и жэрдэмкІэ пособэ лІэужьыгъуэщІитІ ят 2021 гъэм щыщІэдзауэ: ахъшэкІэ Іэслъэс щытыкІэм иува, анэ хъуну зызыгъэхьэзыр бзылъхугъэхэмрэ анэм е адэм я закъуэу илъэси 8-17-м ныбжьым ит сабий зыпІхэмрэ папщІэ.

Егъэджэныгъэм.

Илъэс кІуам хэгъуэгухэм сабий ІыгъыпІэ 324-рэ, курыт еджапІи 100-рэ къыщызэІуахащ. 2025 гъэм ехъулІэу еджапІэ 1300-рэ къызэІуахынущ, Президентым ищІа унафэм ипкъ иткІэрэ.

Курыт еджапІэхэр зэгъэзэхуэжынымкІэ программэр мэлэжьэххэ. Абыхэм оборудованэщІэ щІагъэувэнущ.

ЩІыпІэ жыжьэхэм къикІыу еджапІэ кІуэ сабийхэм папщІэ еджапІэ автобус мини 4-м щІигъу хэгъуэгухэм Іэрагъэхьащ.

ЕджакІуэ нэхъыщІэ цІыкІухэр, псори зэхэту мелуани 7,5-рэ ерыскъы пщтырхэмкІэ еджапІэхэм щагъашхэ.

ЕджапІэхэр Интернет зэпыщІэныгъэкІэ зэлъэщІагъыхьащ. Колледжхэри, ВУЗ-хэри, сымаджэщхэри, ФАП-хэри, поликлиникэхэри къызэрагъэпэщащ.

Гъуэгухэм.

2021 гъэм автомобиль гъуэгуу метр зэбгъузэнатІэ мелуани 160-рэ зэрагъэзэхуэжащ. Абы ахъшэу сом мелард 425-рэ хуагъэлэжьащ. ДяпэкІэ илъэсищкІэ гъуэгухэр зэгъэзэхуэжыным хуагъэнэІуа сом меларди 163-м иджыри меларди 120-рэ хущІагъужынущ.  Къэрэшей-Черкесым 2021 гъэм автомобиль гъуэгу 40, псори зэхэту километр 41-м щІигъу щызэрагъэзэхуэжащ.

ПсэупІэ ухуэныгъэм.

ПсэупІэ ухуэныгъэмкІи Урысейм и тхыдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр щІригъэгъуащ. Кредит ипотекэу мелуани 2 ятати, абы и Іыхьэ плІанэр зыхуэгъэзар ухуэныгъэращ.

Жьы хъуа унэхэм щыпсэухэм псэупІэщІэхэр ятынымкІэ программэри ягъэзэщІащ икІи цІыху мини 132-рэ абыхэм Іэпхъуэжащ.

2022 гъэм и япэ кварталым псэупІэщІэкІэ къызэрагъэпэщащ нэрыбгэ мин 70. АдэкІэ программэщІэ илъэситІкІэ лэжьэнущ. Абы сом мелард 45-рэ хуагъэнэІуащ. Къалэ цІыкІухэр, тхыдэ жылагъуэхэр Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ икІи я щІыпІэхэр ирагъэфІэкІуэнымкІэ проектхэр пхагъэкІащ. Гранту а Іуэхум хуагъэнэІуащ сом меларди 10-м нэс.

Мэкъумэш хъызмэтым.

«Иужьрей илъэсхэм къагъэщІа щытыкІэхэм нэхъри наІуэ ящІащ ди къэралым къыщыщІэдгъэкІым, къыщыдлэжьым зедгъэубгъуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр»,—къыхигъэщащ Мишустин Михаил.

Мэкъумэш, бдзэжьейхъуныгъэм телажьэ хъызмэтхэм дэІэпыкъуныгъэ ирагъэгъуэтынущ. Апхуэдэу, мэкъумэш техникэр къызэращэхуам техуэ субсидие, лизинг Іэмалхэр зыгъэлэжьэну программэм пащащ. Апхуэдэ дэІэпыкъуныгъэр къагъэсэбэпри мэкъумэш хъызмэтхэм техникэ лІэужьыгъуэ зэхуэмыдэу мин 32-рэ зыІэрагъэхьащ. ЖылапхъэфІхэр къыздагъэщІыну купсэхэм я лэжьыгъэм зрагъэубгъуным хуаунэтІащ сом меларди 5. Къэрал дэІэпыкъуныгъэкІэ апхуэдэ купсэ 32-рэ къызэІуахащ. Мэкъумэш ІуэхущІапІэхэм хуэгъэкІуэтэныгъэ кредитхэр ятынымкІэ программэм зрагъэубгъуащ. Псори зэхэту мэкъумэш хъызмэт къудамэм сом мелард 340-рэ яунэтІащ.

Ухуэныгъэм.

Мэкъумэш, ухуэныгъэ къудамэхэр зызыужь, ехъулІэныгъэфІ зиІэщ. Илъэс кІуам ухуэныгъэ хьэзыр хъуам я бжыгъэр нэсащ метр зэбгъузэнатІэ мелуан 93-м. Ар къэралым и тхыдэм и гъэлъэгъуэныгъэ нэхъыфІ дыдэу плъытэ хъунущ. Ухуэныгъэ ехъулІэныгъэфІхэр Кърэшей-Черкес Республикэми иІэщ. Апхуэдэу, 2021 гъэм ухуэныгъэр 1,8-кІэ хэхъуащ. Нобэ республикэм къат куэду зэтет унэ 50, метр зэбгъузэнатІэ мин 410-рэ щаухуэ.

ХыхьэхэкІым.

Къэралыр зыпэщІэува щытыкІэхэм я зы хэкІыпІэщ хьэрычэтым зрагъэужьыныр. Абы и Іэмалхэри ягъэнэІуащ. Апхуэдэщ хьэрычэтыщІэхэр щІэплъыкІыныгъэ куэдым зэрыхэмытынур, лицензэ пІалъэхэр зэрыхуагъэнэхъыбэнур, мэкъумэш продукцэхэр къыщрашэкІкІэ щІэплъыкІыныгъэ, нэІэ Іуэхугъуэхэр нэхъ псынщІагъуэрэ тыншыгъуэрэ зэращІынур, нэгъуэщІ куэди.

«Зыуэ щыт Урысей» партым и жэрдэмхэр — цІыхубэ программэм.

Мишустин Михаил къытепсэлъыхьащ «Зыуэ щыт Урысей» партым и жэрдэмкІэ цІыхубэ программэм хагъыхьа лэжьыгъэхэм. А жэрдэмхэм ящыщ куэд Къэрэшей-Черкесым къыщагъэсэбэпащ икІи щыпхагъэкІащ.

Апхуэдэу: республикэм щыпсэууэ цІыху мин 1,9-м «социальная газификация» программэм хэтыну лъэІу тхылъхэр къатащ; республикэм и медицинэ ІуэхущIапІэхэм «дэІэпыкъуэгъу псынщІэ» 17 яІэрыхьащ; КъЧР-м щыщ нэрыбгэ 1848-м медицинэ реабилитацэ ящІащ; курыт еджапІэ 23-рэ зэрагъэзэхуэжащ; илъэс етІуанэ хъуауэ сабий турист кешбэкыр мэлажьэ; Интернетым социальнэ ІуэхущІапІэ 304-рэ пащІащ; зи ныбжьыр илъэсийм нэс сабийм щІыгъуу щыса анэм и улахуэм хуэдиз больничнэу ират; 2022 гъэм жьы дыдэ хъуа унэхэм щІэсхэр нэгъуэщІ псэупІэ тэрэзхэм гъэкуэшынымкІэ программэр ягъэзэщІащ; 2021 гъэм къриубыдэу КъЧР-м и гъуэгу 40-м елэжьащ; 2022 гъэм гъуэгу киломектр 30-мрэ лъэмыжи 4-мрэ зэрагъэзэхуэжынущ.

Къэпщытэжыныгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунущ Мишустин Михаил и псалъэхэр: «Правительствэм и къалэн пажэу, нэхъыщхьэу дяпэкІи къонэж псэукІэр егъэфІэкІуэнымрэ цІыхухэм я зэІузэпэщыр къэІэтынымрэ».

 

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.