Украинэм къыщыхъея зауэм илъэсий лъэужь иІэми, Іуэхухэм нэхъ тегъэчынауэ дакІэлъыплъ, хъыбархэр нэхъ къыднэс, дащыгъуазэ щыхъуар иужьрей зэманращ, е, нэхъ тегъэчынауэ жыпІэмэ, Урысейм и Президентым и унафэкІэ, Украинэм спецоперацэр щрагъэжьа нэужьщ.
Шэч хэлъкъым, лыуз зиІэ дэтхэнэми езым ейм хуэдэу зыхещІэ мамыру псэуныр зи хъуэпсапІэ цІыхухэм ирагъэхъылІэ леягъэр, ирагъэшэч хьэзабыр. КъинэмыщІауэ, дигухэр яхуэмыгъуэщ зэуапІэм Іут ди зауэлІхэм.
Иджыблагъэ и Іуэху еплъыкІэкІэ къыддэгуэшащ Адыгэ-Хьэблэ спортеджапІэм Іэхуитлъэхуит бэнэ
кІэмкІэ и унафэщІ, щІалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэным, Іэпкълъэпкъ быдэу къэгъэтэджыным зи гуащІэшхуэ хэзылъхьэ Борсэ Іэуес.
— Зауэр зыми фІэфІкъым. Зауэр — нэпсщ, хэщІыныгъэщ, гуауэщ. Ауэ щыІэщ урыс псалъэжь, зым дежкІэ зауэр гуІэ нэпсщ, адрейм дежкІэ анэбгъафэ пэлъытщ жэуэ. АтІэ, етІуанэхэм яхуэдэщ лІыжь-фызыжьхэр, сабийхэр, бзылъхугъэхэр, уеблэмэ сымаджэхэри лъэгущІэтын зыщІ украин нацистхэр. Зауэм дежи хабзэ гуэр къыщокІуэкІ. Ауэ мы иужьрейхэм уи цІыхугъи, уи зауэ хабзи яцІыхукъым. Абы и щыхьэтщ гъэр ящІа зауэлІхэм ирагъэхъылІэ хьэкІэкхъуэкІагъэхэр.
Жагъуэ зэрыхъущи, зэуапІэм нобэ Іутщ ди лъэпкъэгъу щІалэ куэд. Нэхъри нэхъ гуауэжыр аращи, ди къуажэхэм къыдашэж зауэм хэкІуэдахэри. Иджы дыдэщ дыуэщІ дыщыдэтар. ЯукІауэ къашэжа тхьэмыщкІэм и Іыхьлы-Іэулэдым, унагъуэм къагуІар плъэгъуа нэужь, щІэх зыкъыпхуэщІэжкъым. АтІэ, апхуэдэр илъэсий хъуауэ зылъагъухэр дауэ къэнэжрэ?! Абыи уемыгупсысынкІэ Іэмал иІэкъым.
Дауэ щымытми, пэжым гъуэгу игъуэтынущ, мамырыгъэр тепщэ хъужынущ. Нэхъыщхьэр, хъыбар нэпцІхэм зыдедмыгъэхьэхын, дигухэр пхъашэрэ щІыІэрэ дымыщІынращ, — жиІащ Іэуес.