ЗауэлI къалэнхэм пэрохьэ

Урысей Федерацэм нобэ жыджэру щокIуэкI гъатхэ къулыкъу дэшыгъуэ кампанэр икIи ар иухынущ бэдзэуэгъуэм (июлым) и 15-м нэгъунэ. АпщIондэху ди къэралым и дзэхэм ираджэнущ цIыху мини 147-м нэхърэ нэхъыбэ.

Хабзэ зэрыхъуауэ, Черкесск къалэм дэт, дзэм къулыкъу щызыщIэнухэр здыраджэ щIыпIэм накъыгъэм (майм) и 17-м щызэхуашэсащ повесткэ къызыхуэкIуа щIалэхэр ирагъэжьэну.

Гъатхэ къулыкъу дэшыгъуэм и гуащIэгъуэщ. Илъэс къэс щIалэщIэ мин бжыгъэ дзэм ираджэурэ сатырхэм хоувэ. ЗэрыжаIэщи, щIалэхэр къулыкъум зэрыдашыр езыхэм я деж къыщымынэу, я унагъуэмкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ.

Къэрэшей-Черкесым щыщу мызыгъуэгум дашащ илъэс 18-27-м ит щIалэ 40. Абыхэм я къулыкъур щрахьэкIынущ росгвардием и дзэхэм.  КъЧР-м и военком Белобородов Сергей зэрыжиIамкIэ, дзэм ираджахэр ягъэкIуэнукъым Украинэм щекIуэкI спецоперацэм хэтыну.

— Нобэ щегъэжьауэ фэ фщыщ дэтхэнэми рядовойуэщ къызэрывэджэнур. Пэжщ, дзэм хэтыныр Iуэху цIыкIукъым, пыухыкIа хабзэхэм япкъ къикIкIэ. АтIэми, цIыхухъу нэгъэсам и хьэлкъым гугъуехь зыпылъ къалэнхэм щышынэныр. ЗауэлI фащэ япэу зыщызытIэгъа ди щIалэхэ! Си фIэщ мэхъу фи адэшхуэхэм, адэхэм, фи къуэш нэхъыжьхэм фахуэфащэу, хэкум и пащхьэ щывиIэ щIыхуэр зэрыфпшынынур.

Къулыкъу зыщIам къегъэзэж цIыхухъум хэлъыпхъэ хьэл-щэн ткIийхэр иIэу. Сывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, зэи фытемыкI псоми я зэхуэдэ зауэлI хабзэхэмрэ шынагъуэншагъэм ехьэлIа мардэхэмрэ, — яхъуэхъуащ КъЧР-м и военкомыр.

Ди хэкуэгъу щIалэхэр къулыкъум егъэжьэным теухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэм хэтащ ди хэгъуэгум и къэрал унафэщI къулыкъухэр, военнэ комиссариатым и лIыкIуэхэр, динырылажьэхэр, зауэлIхэм я адэ-анэхэр, Iыхьлыхэр. Я уэрэд нэхъыфIхэмкIэ ахэр ягъэгуфIащ республикэ филармонием и уэрэджыIэхэм.

КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид къыбгъэдэкI хъуэхъу псалъэхэр къулыкъущIэхэм янигъэсыжащ ди хэгъуэгум и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Хубиев Марат:

— Тхьэгъэпсэу вжесIэну сыхуейщ къулыкъум ираджахэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, урысей дзэм и сатырхэм хыхьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр икъукIэ зэрызыхэфщIэм папщIэ. Къулыкъу щIэныр сыт щыгъуэ зэмани IуэхуфIу къалъытэ.  Абы и пщIэр кIуэ пэтми нэхъ лъагэ хъууэрэ макIуэ.

ЩIыхь пылъу зи къулыкъу пIалъэ зэфIэзыгъэкIынухэм, къыдэкIуэтей щIэблэм щапхъэфI яхуэхъунухэм ящыщ Тхьэм фищI! Гъуэгу махуэ фытихьэ! — жиIащ Хубиев Марат.

ЛЫХЬ Тимур

 

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.