ЖУ Тимур, Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ:
«ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ, республикэм къеблэгъа хьэщIэхэ! Нобэ дэтхэнэми нэIурыт тщохъу Украинэм къыщыхъу Iуэхугъуэ хьэлъэхэр. Урысеймрэ НАТО-м хыхьэ къэралхэмрэ яку дэлъ зэхущытыкIэхэм кIуэ пэтми екIэкIуащ, икIи зэгурыIуэныгъэм хуэкIуэн ялъэкIакъым. Абы къыхэкIыу къухьэпIэ политикхэм ди къэрал гъунэгъухэр къагъэсэбэпащ езыхэм я хьэлэмэтхэр къыхалъытэкIэрэ.
Донбасс, ЛНР хэгъуэгухэм операцэ хэха щегъэкIуэкIыныр, мамыр цIыхухэр хъумэныр Iэмал имыIэу щIэн хуей Iуэхугъуэу къилъытащ ди къэралым и лIыщхьэм. ИкIи, Украинэм щекIуэкI зауэ операцэм ди къэралым и къулыкъущIэхэр зэрыхэтыр — цIыхухэм я шынагъуэншагъэр зыхъумэщ. Донбасс щыпсэухэм къыхуахь лъэпкъгъэкIуэдым, ди къуэшхэр гугъу зэрырагъэхьым гъунэгъуу дыкIэлъыплъу дыщыт хъужынутэкъым.
НобэкIэ хэти лъэкIыныгъэу диIэр къыдогъэсэбэп ДНР, ЛНР хэгъуэгухэм къикIыу ди республикэм къэIэпхъуахэр зыхуей хуэдгъэзэнымкIэ, тхъумэнымкIэ.