2021 гъэм ялэжьар, дяпэкІэ къапэщыт къалэнхэр къипщытэжу республикэм и цІыхубэ хъыбарегъащІэ Іэмалхэм я журналистхэм иджыблагъэ зэІущІэ къадригъэкІуэкІащ Урысей УФАС-м и къудамэу Къэрэшей-Черкес Республикэм щыІэм и унафэщІ КІуантІэ Артур.
—Илъэс кІуам Управленэм илэжьам къэпщытэжыныгъэ хуэтщІкІэрэ, тегъэчынауэ жысІэфынущ зэгурыгъэІуа, фІагъ лъагэ зиІэ лэжьыгъэ антимонопольнэ къулыкъум иригъэкІуэкІауэ. Илъэс кІуам едгъэкІуэкІа лэжьыгъэм къызэригъэлъэгъуащи, гъэлъэгъуэныгъэхэр нэхъ лъагэщ, адэкІи апхуэдэу щытыну гугъапІэ псори щыІэщ,—жиІащ КъЧР-м и ФАС-м и унафэщІым.
КІуантІэ Артур бжыгъэхэмкІэ щІигъэбыдащ и псалъэхэр. Апхуэдэу, 2021 гъэм къриубыдэу антимонопольнэ хабзэр зэракъутам теухуа тхьэусыхэу къаІэрыхьам зэрыпэджэжам, абыхэм яхьэлІа къахьа унафэхэр 2020 гъэм елъытауэ проценти 160-кІэ нэхъыбэщ. Сату Іуэхум ехьэлІа хабзэкъутэныгъэхэр зэхэгъэкІынымрэ ФАС-м и къулыкъу къалэнхэм къриубыдэу зэфІаха лэжьыгъэмрэ щаІэ ехъулІэныгъэхэми хэхъуащ. 2021 гъэм административнэ жэуаплыгъэм ирашэлІар 2020 гъэм елъытауэ проценти 150-кІэ нэхъыбэщ. Административнэ хабзэкъутэныгъэу къагъэхъуахэм тезыру тралъхьар псори зэхэту сом мелуанитІрэ ныкъуэм щІегъу.
КъинэмыщІауэ, Управленэм и унафэщІыр къытепсэлъыхьащ къэралым, хэгъуэгум щызэфІэува экономикэ щытыкІэм тещІыхьауэ зэныкъуэкъуныгъэ (конкуренция) зэдэлэжьэныгъэм зэрызиужьым, антимонопольнэ хабзэхэр зэрагъэзащІэм, рекламэм теухуа хабзэм, къулыкъум и къалэнхэм.
КІуантІэ Артур къытеувыІащ нэхъыбэрэ зыпэщІэхуэ хабзэкъутэныгъэхэм. Апхуэдэщ зэгурыІуэныгъэхэр зэдэщІыным щхьэусыгъуэншэу зыпыІудзыным е абы къигъэув мардэхэр ямыгъэзІэщІэным яхьэлІа хабзэкъутэныгъэхэр; зэныкъуэкъуныгъэ мыузыншэ къэгъэхъуныр; хэгъуэгу власть къулыкъухэм я хабзэншэ лэжьэкІэр. УнафэщІым зи гугъу ищІа хабзэкъутэныгъэхэм теухуа щапхъэхэр къихьащ.
ЕрыскъыхэкІ сатущІапІэхэм щызекІуэ уасэхэм, зэфІэзэрыхьыныгъэхэм теухуа упщІэхэри пресс-конференцым къыщаІэтащ. КІуантІэм зэрыжиІащи, сату щытыкІэр зэфІэзэрыхьыгъуэ зэрыхъу лъандэрэ щІэплъыкІыныгъэхэр ирагъэкІуэкІ, абыхэм къагъэлъэгъуахэм тещІыхьа унафэхэр къахь, абыхэм кърикІуами кІэлъоплъыж.
—Антимонопольнэ къулыкъур махуэ къэс сатущІапІэ зэхуэмыдэхэм макІуэ, щІэплъыкІыныгъэ лэжьыгъэхэр щрегъэкІукІ. Социальнэ мыхьэнэ хэха зиІэ, цІыхухэр япэу зыщІэупщІэ ерыскъыхэкІ, хьэпшыпхэм ехьэлІауэ тегъэчынауэ жысІэнщи, мы пІалъэм ехъулІэу антимонопольнэ хабзэр щакъута, уасэр хабзэ мардэм икІыу здыхагъэхъуа щыІэкъым. Арами, уасэхэр зэпІэзэрыту зэтетІыгъэным хуэунэтІауэ, КъЧР-м и Правительствэмрэ УФАС-мрэ сатущІапІэ щхьэхуэхэм, цІыхухэр нэхъыбэу здэщахуэ маркетхэм зэгурыІуэныгъэхэр ядэтщІащ,—жиІащ КІуантІэ Артур.
КъинэмыщІауэ, ФАС-м и унафэщІым журналистхэр зэрыщигъэгъуэзащи, ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп пкъыгъуэхэм я уасэхэр нэхъ утІыпща хъуащ. Ар арэзы зытемыхъуэ лъэныкъуэщ. Ауэ абыи Управленэм и Іуэху зэрехуэ, и нэІэм щІигъэувауэ щІэплъыкІыныгъэ лэжьыгъэхэр ирегъэкІуэкІ.
Фошыгъум и уасэм теухуа упщІэм и жэуапу къитащ уасэр зэпІэзэрыт зэрыхъужар, сатущІапІэхэм пэрыхьэту зэрыщыбгъуэтынур. Такси хуэІухуэщІэхэми я нэІэ зэрытрагъэтыр, абыи зэныкъуэкъуныгъэ хабзэхэр зэрыщакъутэ зэпытыр къыхигъэщащ.
Пресс-конференцым деж журналистхэм къыщаІэта упщІэ кэс жэуап къритащ КІуантІэ Артур.
ТУАРШЫ Ирэ.
Сурэтыр ТУАРШЫ Беслъэн трихащ